Перевод: со всех языков на все языки

со всех языков на все языки

Благъэ хуэхъун

  • 1 хуэхъун

    I (хуохъу) неперех. гл. 1. стать кем-л. (напр. родственником) кому-л.
    / Зыгуэрым щхьэкIэ зыгуэр хъун, зыгуэр зыхуейм, зыхуэныкъуэм хуэдэу хъун.
    * - Уэ лIы ухъумэ, мыр шы пхуэхъунщ, - жери фызым и къуэм пщIэгъуалэжьыр иритри иутIыпщащ. фольк.
    2. стать таким как нужно (благодаря чьему-л. старанию, усилию)
    / Зыгуэрым зэрищIыну хуейм хуэдэу хъун.
    3. подойти кому-л. ( по размеру), прийтись впору
    / Зыгуэрым хуэфIу, инагъ-цIыкIуагъкIэ, теплъэкIэ хуэкIуэу щытын.
    Шырыкъур хуэхъун.
    4. иметь возможность поступать, действовать по своей воле
    / ЛъэкIын.
    * {Уэсмэн:} А унэжын! Апхуэдэ бзаджэм цIыхухэр лIыщIэу щIыхуежьэр сыт? {ЛутI:} -Яхуэхъуу хуежьэ уфIэщIрэ, яхуэмыхъуу хуожьэр нэхъ. Д. М.
    Гукъинэ хуэхъун = гукъинэ щыхъун.
    Жагъуэгъу хуэхъун см. жагъуэгъу.
    Зэран хуэхъун см. зэран.
    Къурмэн хуэхъун см. къурмэн.
    Мыгъуэ хуэхъун см. мыгъуэ.
    НэIуасэ хуэхъун см. нэIуасэ.
    Ныбжьэгъу хуэхъун см. ныбжьэгъу.
    ПIалъэ хуэхъун см. пIалъэ.
    Телъхьэ хуэхъун см. телъхьэ.
    Уэу хуэхъун см. уэу.
    Угъурлы хуэхъун см. угъурлы.
    Iыхьэгъу хуэхъун см. Iыхьэгъу.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > хуэхъун

  • 2 зэхуэхъун

    (зэхуохъу) неперех. гл. 1. подойти друг к другу ( по размеру)
    / Зэтеувэн, зэрыувэн, инагъ-цIыкIуагъкIэ зэхуэдэн.
    Тебащхьэмрэ тебэ лъабжьэмрэ зэхуэхъун. Анэмрэ и пхъумрэ щыгъынкIэ зэхуохъу.
    2. стать кем-л. друг другу
    / Зыр адрейм зыгуэр хуэхъун.
    Гъусэ зэхуэхъун. Благъэ зэхуэхъун. Зэгуэрым Хъуэжэрэ Иблисрэ фIэнэгъу зэхуэхъуащ. фольк. Шумахуэрэ агроном Галярэ абы деж щыщIэдзауэ ныбжьэгъу зэхуэхъуащ. Къ. Хь.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > зэхуэхъун

  • 3 къэщэхужын

    (къещэхуж) перех. гл. 1. устар. выкупить кого-л.
    / Ахъшэ щIэту къеIыхыжын.
    * ИжькIэ уIэбэмэ.. мылъку зиIэ бей зи благъэ, зи къуэш щыIэмэ кIуэти гъэр хъуар къищэхужт. КI. А.
    2. снова купить кого-что-л.
    / Аргуэру къэщэхун; зыгуэрым и пIэкIэ къэщэхун. С ыхьэт
    къэщэхужын. Жэм къэщэ-хужын.
    3. переносное выручить кого-л.
    / Зыгуэрым сэбэп хуэхъун, зыгуэркIэ арэзы щIын.
    * Сыкъэфщэхужащ, си гузэвэгъуэ дэвгъэкIащ, - яжриIащ лIым щIыхьэху къэкIуахэм. Iуащхь.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > къэщэхужын

Поделиться ссылкой на выделенное

Прямая ссылка:
Нажмите правой клавишей мыши и выберите «Копировать ссылку»